ИгъащIэм зэи ди хэку къимыхьа лIыжьым къиIуэтэжахэр зэштегъэу хъыбаркъым, къыщыхъуари зэманым и нэхъ хьэлъэщ. Хэт ищIэн, абы зи гугъу къысхуищIахэм хуэдэ цIыху щымыIатэмэ, зэманри зэрыхьэлъэм нэхърэ нэхъ хьэлъэж хъуну къыщIэкIынт. НэгъуэщIу уеплъмэ, апхуэдэ дапщэ къэхъуа, къэзыIуэтэжыфын дапщи щыIа! А псор хэт къэзыпщытэжыфынур, сыт хуэдэ тхылъ ахэр зэрыптхэнур? Пхурикъунукъым — тхыжыпхъэхэри, зытхыжынухэри, зэрыптхэнухэри. Арами, мы хъыбар цIыкIум гъащIэ псэу къыкъуощ, арыншэмэ, апхуэдиз илъэс дэкIауэ, и псэм хэлъынтэкъым Урал щыщ лIыжьым и щIалэгъуэм щыгъуэ и нэгу щIэкIахэр. #НалоЗаур #ГъутIэдэм